letras.top
a b c d e f g h i j k l m n o p q r s t u v w x y z 0 1 2 3 4 5 6 7 8 9 #

letra de адыгэ нысэ (adygha nısa) - unknown artist

Loading...

[verse 1]
адыгэ пшынэм щӏыгур къыпэджэмэ
уоирэ, уорирэ, уойра!
бжэӏупэ джэгум къуажэр зэхишэмэ
хъуэхъубжьэ усэр псэм зэхидзыжымэ
адыгэ нысэ унэ идошэрэ
уоирэ, уорирэ, уойра!

[chorus]
ей жи, адыгэ лъахэ
ей жи, ди хабзэ дахэ
дарий ӏэщхьэху, къамэ ӏэпщэху
не фӏыцӏэ нэху, джэгу умыпсэху
адыгэ нысэ унэ идошэрэ
уоирэ, уорирэ, уойра!
[verse 2]
хьэзыр ӏупэхуу ди щауэ уардэхэм
уоирэ, уорирэ, уойра!
ди лъэпкъ гурыщӏэр я уэредадэмэ
дыгъэр зэхъуапсэр я дыщэидэмэ
адыгэ нысэ унэ идошэрэ
уоирэ, уорирэ, уойра!

[chorus]
ей жи, адыгэ лъахэ
ей жи, ди хабзэ дахэ
дарий ӏэщхьэху, къамэ ӏэпщэху
не фӏыцӏэ нэху, джэгу умыпсэху
адыгэ нысэ унэ идошэрэ
уоирэ, уорирэ, уойра!

[verse 3]
гъатхэм и дахэр уэрам къыдихьэмэ
уоирэ, уорирэ, уойра!
бжьыхьэм и бэвыр жьэгум къыдилъхьэмэ
къалъхуа мазэщӏэр нэмыс щыпкъэмэ
адыгэ нысэ унэ идошэрэ
уоирэ, уорирэ, уойра!

[outro]
ей жи, адыгэ лъахэ
ей жи, ди хабзэ дахэ
дарий ӏэщхьэху, къамэ ӏэпщэху
не фӏыцӏэ нэху, джэгу умыпсэху
адыгэ нысэ унэ идошэрэ
уоирэ, уорирэ, уойра!

letras aleatórias

MAIS ACESSADOS

Loading...